"Ашэмэз Хасэм" и хъыбар блэкIахэр - 1990 гъэм

 


"Ашэмэз Хасэм" и хъыбар блэкIахэр си щхьэ хуэстхыжауэ щыта тхыгъэ кIэщIхэщ, гукъэкIыж къэухьым нэхъ хиубыдэу, къыздэгуэшэну хуейр хуитщ..фыкъеблагъэ!

*АШЭМЭЗ ХАСЭМ СЫТХЭР КЪЫЩАУХЭС?

08.02.1990 гъэ, Мащае мазэм и 8, Махуэку махуэ. Хасащхьэм и зи чэзу зэIущIэщ.

1. Совет нэхъыщхьэм къыригъэхьа тхылъым къеджащ, ар Iуставым теухуащ.

2. Iуставым хэплъэжын щхьэкIэ цIыхуиплI хахащ, Нало Зар, Пщыншэ Сефудин, Елмыз Iэулэдин, ГубэщIыкI Жантемыр. 

3. Челабынск къалэ телиграммэ къикIащ, ахэр мэлъаIуэр экологем теухуауэ дэIэпыкъуэгъу дахуэхъуну. 

4. Мэзкуу дэт зауэлI тIысыжахэм я хасэм дыдэIэпкъун хуей? УпщIэм и жэуапу, хуейщ къикIыу псоми я Iэр яIэтащ. 

5. Пщыншэр унэ щхьэкIэ лъаIуэ цIыхубзым и лъэIум йодаIуэр.

6. Дзэлыкъуэ Iуэхур ГубэщIыкIым и пщэ далъхьащ.

7. Шэджэм къыщыхъуар Елмыз Iэулэдин ипщэ далъхьащ.

8. Багъыр Пичонэвым и Iуэхур зыдынэсам щIоупщIэ.

9. ДыщэкI Жорэ Хасэм хагъэхьащ.

10. ПэкIум и Iуэхур утыку къыралъхьащ.

11. Хасэ къакIуэр концерту зэгурыIуащ.

12. Къалмыкъ Аднан Хасэм и екIуэкIыкIэм теухуауэ зыгуэр жиIэнути, едэIуэн щимыгъуэтым тIысыжащ.

Къалмыкъ Iэднан
16.05.2024. 




Comments