АдыгэлIым и БыдапIэр и Гуыращ

 


ЗэрытщIэщи адыгэхэм бийм зыщахъумэну быдапIэ яухуэу щытакъым, быдапIэм бийм ущимыхъумэну, ущышынэу зыщыбгъэпщкIуну емыкIуу ялъытэрт, Джаурджи Интериани, Иуасэфат Барбари ятхащ ар, мы зекIуэлIхэр курыт лIэщIыгъуэхэращ щыпсэуар. Ахэм жаIахэм дригъуазэурэ илъэс минищ ипэкIэ адыгэм къыдэхъуа‐къыдэщIа Нарт лIыхъужь эпосым дыщрихьэлIащ мы гупщысэр нартхэ я Сэтэней гуащэ "гуащэу щыIэм ялейм" адыгэм и дуней тетыкIэр къиIуатэу, икIи хамэхэм къытхужаIахэм пэджэжрэ щIигъэбыдэжу.  

Щэнхабзэхутэхэми, тхыдэджхэми нобэр къыздэсым гуы зылъамыта гупщысэр (лъатэнутэкъым, хамэм щэнхабзэ лъагэ къытхуахьауэ зи фIэщ ящIахэм, апхуэдэхэм ягур зэхуэщIа, дэгу‐нэф мэхъу езым я лъэпкъым къыдекIуэкIа дахагъэр ямылъагъужу, аращ адыгэм "гур мыплъэм нэр плъэкъым" щIыжиIар) ди лъэпкъ лIыхъужьым къигъэщIа НАРТ эпосым къыхэлындыкIыу хэтщ.   

Мис Сэтэней гуащэ жиIар:        
"ФэкIэкъым лIыгъэр зэрыпщIэр, цIыху Iэдакъэм щIэкIа IуэхущIафэрщ, къэмыланджэуи быдагъ зыкъуэлъыр мывэ щащIэу гъэжа сэрейркъым, лIым и бгъэгум илъ ГУ мыубзэIурщ". 
ГУ‐ращ быдапIэу илъытар адыгэм. 

Псэбыдэ Нартыгу 
(Мэш Исмел)



Comments