Нобэ ди гъащlэм и мыхьэнэри, дызыхуэпабгъэри зытеухуауар, сыщымыуэм, ди щlэблэр аращ. Щlэблэ диlэмэ ди насыпщи - лъэпкъыр псэущ. Щlэблэ димыlэмэ дылlа пэлъытэщ. Мыр зэи дигу иху хъунукъым. Империе къэнэжари жейркъым. Зыгуэр и лъабжьэм зэрыщlагуэн, нэгъуэщlым и гуащlэкlэ и гъащlэр егъэфlэкlуэным и гур етауэ мэпсэу.
Нэхъапэм зауэкlэ щlы къаубыду, нэгъуэщl лъэпкъхэр я лъабжьэм щlагуэу къэгъуэгурыкlуамэ, иджыпсту нэгъуэщl лъэпкъ уи лъабжьэм щlэбгуэн папщlэ зауэ ухуеижкъым, - нэгъуэщl лъэпкъым и щlэблэм и бзэр къыlурычи зэфlэкlащ. Лъэпкъыр псэун папщlэ lэмэпсымэ нэхъыщхьэу щыlэр БЗЭР аращ - уи бзэр псэумэ, уи лъэпкъыри кlуэдакъым.
Сэ сыкъызытеувыlэну сызыхуейр хэхауэ бзэр - АДЫГЭБЗЭР- аращ. Бзэр ди лъэпкъым зэрызэрихьэр, псом хуэмыдэу хамэщlым зэрыщызэрихьэр.
Адыгэбзэр зэрымытыншым и гугъу сщlынкъым. Нэхъыбэу сызытепсэлъыхьынур бзэм екlуалlэ ди зэхущытыкlэхэмрэ, ахэр бзэм зэрыбгъэдыхьэжымрэщ. Адыгэм иlэжщ щlэблэ гъэсэкlэ и хабзэм щыщу. Мыр фlы дыдэщ, ауэ мыпхуэдэм нобэ щlэрыщlэу дыхэплъэжын хуейщ. Зи гугъу сщlынур адэ-анэмрэ щlэблэмрэ я зэхущытыкlэрщ. Пасэрейм жиlащ: уи быным хамэм хуэду хущыти, цlыху къищlыкlынщ. Мыр пэжщ, ауэ хамэ лъэпкъ ущыхэсым и деж мыр шэрыуэкъым, уи лъэпкъыпсэр егъэкlуэд. Уи унагьуэ уахэсыжмэ, уи быным адыгэбзэ зэрыlурыплъхьэн lэиалым егупсысын хуейщ. Тыркум щыпсэу адыгэхэр хэхэсщ, зэбгырыдзащ, дэ къалэ культурэ зэтеувауэ зэдгъэпэщауэ лъэпкъым диlакъым. Къуажэм дэкlыу къалэм lэпхъуа адыгэр япэу зыхуэзэр хамэ зэхущытыкlэ къудейкъым, хамэбзэми lуощlэ. Къызыщывгъэхъут махуэ псом улэжьэну уи унагъуэм, псом хумыдэу уи сабийхэм, я гъащlэр зэрыкlуэм ущымыгъуазэу?! Дэ гъащlэм къытхуигъэув къэлэн нэхъыщхьэхэм щыщщ лэжьыгъэр, ауэ лэжьыгъэри, ди сабий гъасэныгъэри зэтпхыфын хуейщ, мыхъу ди щlэблэр хамэбзэм иубыдынущ. Дауэ лэжьыгъэмрэ сабий гъасэныгъэмрэ зэрызэтпхыфынур? Сабийм зэман нэхъыбэ еттын хуейщ. Къыгурыдгъэlуэн хуейщ къызыхэкlа лъэпкъыр зи щlысыр, анэдэлъхубзэр зи щlысыр. Пэдубыдын хуейщ унэм къихьэжамэ адыгэбзэм къыщынэмыщlа упсалъэ зэрымыхъунур. Америкэм щыпсэу Чыгъэдухэ я унагъуэм бзэр зэрахъумар апхуэдэущ, фlыщlи яхуэфащэщ! Тыркуми щыщыlэщ апхуэдэ бгъэдыхьэкlэ.
Enes Eker (Алэсчыр Енес) дегъэлъагъу апхуэдэ щапхъи.
Щlэх-щlэхыурэ сабийм дэуэршэрын хуейщ и лъэпкъым и тхыдэм щыщ щапхъэхэр уи тегъэщlапlэу. Пасэ зэманым, адыгэр езыр-езыру щызэхэсыжым, щlэблэр бзэми, хабзэми хуэзыгъасэр ХЬЭЩlЭЩЫР арат. Иджы хьэщlэщ диlэжкъым, ауэ ди бзэр кlуэд хъунукъым.
Итlанэ, телевиженым къыбгъэдэшын хуейщ сабийр. Телевиженыр, адыгэ лlыжьым зэрыжиlауэ, къэхъугъэ гугъущ, уэ зыри жыуимыгъыlэу езыр зыхуей псори къыбжеlэр удихьэхауэ! Сабийхэм щыджэгукlэ я нэхъ пашэу яхэтыр адыгэбзэкlэ псэлъэну бгъэlущу зэрыгупу къыпхудэхьэхынущ, лэжьэн - сабийхэм ядэлэжьэн - хуейщ аращ. "Сэ сынэхъыжъщ! "- жыпlэу уи гъунэгъум удэуэршэру, сабийхэр езыр-езыру тыркубзэкlэ зэпсалъэу хэбутlыпщхьэж хъунукъым. Уэри уадэджэгу хъунущ сабихэми.
Сэ цlыху куэд соцlыху щысабийм мыбыхэм гу лърамыгъэтаурэ анэдэлъхубзэр яlэщlэхуауэ балигъ хъуауэ, анэдэлъхубзэр къыхуэмыщтэжу и lэфракlэм едзэкъэжынуи лъэмыlэсыжу Тыркуми, Хэкуми щыпсэуууэ.
Бзэр къулеягъэшхуэщ. Бзэ нэхъыбэ пщlэху у нэхъ къулейщ, ауэ псом ипэ итын хуейр уи анэдэлъхубзэр аращ. Адыгэбзэ зымыгъэшэрыуэ адыгэ щыlэн хуейкъым.
Иджыпсту апхуэдизу псынщlэу наукэмрэ техникэмрэ заужьри бзэ закъуэм укъыхуэнэм ухилъэфащ. Дэ мелуан зыбэанэ дохъу,Тхьэм и фlыщlэкlэ. Мыжьыкъым и унэlут lэрмэм зыкъыттримыгъэукlуриямэ мелуан щэныкъуэм дынэсат. Итlани жэ ди бзэмрэ ди хабзэмрэ тхуэхъумэжыфын хуейщ. Икlи тхуэхъумэжынущ. Хъарзынэкъэ, Мэремыкъуэ Хайр хуээдэ щlалэхэм къагъэзэжурэ къытхотlысхьэж. Дыубыдыжынщ, Тхьэм жиlэм ди Хэкум ди адыгэбзэр щынэхъыщхьэу икlи щынэхълъапlэу.
Урысым дэр нэхърэ нэхъыбэ хамэщl щыпсэу диаспорэу иlэщ мелуан тlощlым нэблагъэу, е-ХХ-нэ лlэщlыгъуэм икlауэ, ауэ абыхэм я щlэблэр зыдэкlуам яхэшыпсыхьащ зи хэку къэкlуэжын яхэмытыжу. Дэ, Тхьэм и фlыщlэкlэ, ди къэрэлыгъуэр зэтедгъэувэжу хуит дызэрыхъужу, ди цlыхум и нэхъыбэр ди Хэкум дыщызэхуэсыжынущ, Тхьэм жиlэм!!! - мыращ дэ ди гур зыгъэхуэбэн хуейри, ди щlэблэм АНЭДЭЛЪХУБЗЭР щlыlурытлъхьэн хуейри. Дэ ды лъэпкъ къудейкъым - ды лъэпкъыжьщ, хабзэ диlэу, лъы зэпэжыжьэкlэ унагъуэ дыухуэу, ди цlыхугъэм дунейр къехъуапсэу - мыхэр АДЫГАГЪЭМ и фlыхэм я щыщщ. "Зэманым зихъуэжащ! "- жытlэу, ди щlблэм бзэр къыlурытчмэ, ди лъэпкъ lуэхур дэхуэнщ, хабзэр тфlэкlуэдынщ, ди адэжьхэм я гуэныхь къэтхьынщ. Иджыпсту лъэпкъыр зэзышалlэ нэщэнэ нэхъыщхьэхэу хабзэри, пшынэри, къафэри мэлажьэ, ауэ лъэпкъыр нэхъыщхьэ дыдэу зыхъумэ бзэм удын кърадзу хуежьащ и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри къэралыгъуэ дызэримыlэрщ. Нытlэ абы гу щылъыттэжакlэ дэтхэнэ адыгэ унагъуэми къэлэн зыщыдвгъэщlыж унагъуэм адыгэбзэр щынэхъыщхьэу илъыну, дэтхэнэ къэралыгъуэм щыпсэу адыгэри нэгъуэщl къэралыгъуэм щыпсэум хуэза и ужь адыгэбзэкlэ фlэкlа зэмыпсэлъэну - мыращ хэкlыпlэр:)
Comments
Post a Comment