Адыгэ псэлъэжьхэм къыджаIэр

 


"Делэр сифI нэхърэ губзыгъэр си бий", "Делэм сыдэтхъэ нэхърэ губзыгъэм сыдэлIэ", "цIыху губзыгъэ и гупкIэ сисащэрэт", "Губзыгъэ и хьэ сыкъишх", иужьрей псалъэжьыр щIыжаIэр  губзыгъэм и хьэр къодзэкъамэ  къодэхэщIэжынущ, дахэ къыбжиIэнущ, Iэзэ къыпхуриджэу IэзапщIэри пхуритынущ,  етIысэхынукъым арэзы уищIыху. Ауэ ар делэу щытмэ, мис мы мыжьыкъ дызыубыдам хуэдэу, и хьэми уригъэшхынщи гущIэгъуи, цIыхугъи абы и деж щыбгъуэтыжым си Iуэхущ, уеблэмэ уэ къуаншэу укъыщIригъэдзыжынущ, зэи зиугъэужьынукъым, уи гъащIэр мыгъуэу уигъэхьынущ.  
                                          
А псалъэжьхэм къыджамыIэу пIэрэ дэ хэт дгъэфIынуми, хэт гъусэ тщIынуми, ди дуней тетыкIэнур ямыубзыхуу пIэрэ ? Уи лъэпкъыр зыукIам уи адэр иукIа хуэдэщ, сыдэгуфIэн хуей си адэр зыукIам и махуэшхуэхэмкIэ (праздники), сщыгъупщэн хуей къызащIар сэ сыцIыхуу щытмэ ? Ди нарт эпосым хэмыту пIэрэ зи адэр езыхэр цIыкIуу яукIа нарт лIыхъужьхэм Ашэмэзи, Бэтэрэзи гущэхэлъу лъыщIэжын зэрыщIадзэр, ахэр Iепосым къызэриIуатэмкIэ гущэпсыр зэпаудри кIэн джэгу макIуэ, кIэныр яфIэзыхьам къытрахыжыну щещхьэфауэкIэ - "Сэ укъызэмыуэу улIмэ уи адэр зыукIар укIыж"- жари къырахъуэн, абы къымыкIыу  пIэрэ уи блэкIар пщыгъупщэн зэрыхуэмейр ? Абдеж щыщIэдзау ахэм я гъащIэр лъыщIэжыным траухуэ, я адэр зыукIар къащIэхукIэ етIысэхкъым (ЩЫГЪУПЩЭ яIэкъым). 

ЖылэкIуэдыр (геноцид) адыгэм дежкIэ гъуазэ нэхъыщхьэу щытын хуейщ: ар псы икIыпIэщ, гъуэгущхьэ зэхэкIыпIэщ, къурш щхьэдэхыпIэщ (водораздел), абы дызэрыхущытыр ди лъэпкъ зэхэщIыкIым и гъуджэщ. Ди лъэпкъым къращIар тщыгъупщэрэ емрэ фIымрэ зэхэдмыхуфу биймрэ благъэмрэ зэхэдгъэгъуащэмэ, ди щIэблэм, ди адэкъуэш хэкум ирахуам я щIы Iыхьэм тес хамэм зыхуэдгъэцIыхуфIмэ дэ цIыху дыкъилъхуакъым, ди делагъэм къыхэкIыуи лъэпкъ насыпи тхуэфащэкъым.
       
Мэш Исмел 
(Псэбыдэ Нартыгу)




Comments