Адыгэр фызытекIуар тщIамэ арат:
‐ Колхоз‐концлагерым и лъэхъуэщыбжэр (ди анэхэр жэщхэсу я бынунэ хыхьэжыну хуимыту зыдаIыгъар) Iуахыу зауэм фызэрыпэрахуара ?
‐ Ди адэхэм траха мылъкумкIэ яухуа мыжьыкъ колхоз ‐ концлагерыр нэмыцэм къызэревгъэлара ?
‐ Хэплъыхьауэ шы минитхурэ лIы минитхурэ сэшхуэ пцIанэу танкым пэщIахуэу къызэрагъэукIара ? Зыгуэрым дытекIуар пэжмэ сыткIэ зихъуэжа зауэм щыщIидзэми щиухами ди лъэпкъ гъащIэм ? Дызэрыщытауэ дыкъэнэжакъэ:
‐ Ди къуэшхэр, ди адэхэр зэрыхэкIуэдар ди "фейдэуэ", ди бзэр зэрыддж сыхьэт бжыгъэр хагъэхъуа ?
‐ Адыгэм ттраха ди щIыгухэм зыгуэр къыдатыжа ?
‐ Хэкум ирахуа ди къуэшхэр къагъэзэжыну хуит ящIа ?
‐ Нэщыхуэу зы мултфилм фхуащIа илъэсищэм къыриубыдэу ?
‐ Фи бзэр фамыгъэджу фибзэкIэ феджэжыну хуит фащIа (лажьэу диIэм гъунэ ислъауэ аращ) ?
"ЗыщIэж" ‐ "Познай самого себя"‐ жиIат жаIэ Сократ ! ЗыфщIэж фэри, лъэпкъхэм зыщащIэж зэманщ, пропагандэ нэщыпхъуэр зыIуфтхъ. ЗытщIэжу щытмэ лъэпкъкIуэдым и гуауэшхуэр ди гум банэу хэлърэ, хьэлъэу ди пщэм дэлъу, псори къыдэзыщIар ди пащхьэ итыжу дыкъызэхэнащ.
Шэч хэмылъу дызэрыгъуазэн хуейр ди лъэпкъыр къэзыхъумэ нэщэнэхэращ. Уанэгум къихуам адэкIэ и гъуэгум пищэн щхьэкIэ уанэгум лъэIэсыжын хуейщ.
Псэбыдэ Нартыгу
Comments
Post a Comment